Илъэс 144 ирикъуащ адыгэхэм я нахъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ.
Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм lэщlыб ящlын папщlэ лъэкl къагъэнакъым Урысейм и пащтыхььымрэ Тыркум и сулът1анымрэ. Илъэс куэдкlэ екlуэкlэ Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапlэр къарцкlэ ирахуат е гъэпцlагъэкlэ хэхэс хъуат.
Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуанитху хуэдиз щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщlэжыр а бжыгъэм и lыхьэ щанэрщ. Сиримрэ Иорданиемрэ минищэрэ тхущlым щ1игъу щыlэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Сербием, Израилым, Болгарием, Фраджым, Албанием, Голландием, Ливием, США-м, Канадэм, Мысырым, Суданым, Иракым, Инджылызым, нэгъуэщl къэралхэми.
Дэнэ щlыпlэ щыпсэухэми, абыхэми зэрахузэфlэкlкlэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулlэнымкlэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Пэжу, Тыркум щыlэ Адыгэ Хасэхэр зэхуащlыж, илъэс бжыгъэ докlри къызэlуахыж. Нэхъ тэмэму, шэщlауэ ахэр щылажьэр Сирие, Иордание, США, Израиль къэралхэрщ.
1966 гъэм Налшык
... Читать дальше »