|
|
 | |  |
 |
Адыгэ Нысэ Унэм Идошэри...
Anzoriko Ceslav скачать
Адыгэ пшынэм щIыгур къыпаджэмэ, ори-ори-орира, БжэIупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ, Хъуэхъубзэ усэр псым зэпидзыжымэ, Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира, Ежьу : Ей жи, адыгэ лъахэ, Ей жи, си хабзэ дахэ. Дарий Iэщхьэху, Къамэ Iэпщэху, Нэ фIыцIэ нэху, Джэгу уимыпсэху, Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира, Хьэзыр Iупэху ди щауэ уардэхэм, ори-ори-орира, Си лъэпкъ гурыщIэр я уэрэдадэмэ, Дыгъэр зэхъуапсэр и дыщэидэмэ, Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира, Гъатхэм я дахэр лъапсэм къырихьэмэ, ори-ори-орира, Бжьыхьэм я бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ, Къалъхуа мэзащIэр и нэмыс щапхъэмэ, Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира, И фоужь матэр дадэ икъутамэ, ори-ори-орира, Пшэплъыфэ Iупэм ухахьыр фоущхьэмэ, ФIыгъуэ къепхъыхыр уэшху къытешхэмэ, Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира |
| Категория: Песни | Добавил: Anzoria (08.07.2008)
|
| Просмотров: 116
| Рейтинг: 0.0/0 | |
| Всего комментариев: 2 | |
0 2
ibn jihad (19.04.2009 19:02)
Сытуи уэрэд дахэ, альхамдулиллях! :)
|
0 1
Zalina (10.07.2008 10:44)
Class!!!
|
|
|
|
|  |
 | |  |
|
| Статистика |
Онлайн всего: 1 Гостей: 1 Пользователей: 0 |
|