|
|
 | |  |
 |
Истамбылак1уэм и уэрэд.
В исполнении ансамбля "Бжьэмий": скачать
В исполнении Заура Тутова: скачать
Уо, си адэжь пщ1ант1э гущэм Шыгур щызэщ1ащ1э, Си гущ1эм къыщ1итхъурэ Хэкур дагъэбгынэ. Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо. (Шыгур зэщ1эщ1ауэрэ Бжэ1упэм къы1уткъэ.) Уо, Истамбыл гъуэгу гущэри, уей, ар нашэкъашэщи, Си къэшэну дахэри Жылэм къыдэзнауэ, Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо. Уо, си шыпхъу нэхъыщ1э гущэр Зэрыщхьэц барини, Ди деж зэрыбынурэ Сэ къыск1эрыщ1ауэ, Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо. Адыгэжь бэракъ гущэри, Уей, жьыбгъэм зэрехьэ, Ди деж я хъыбархэри Хэт дэ къытхуихьыну? Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо. (Ди хъыбар гуузхэри Хэт къыфхуихьыжыну?) |
| Категория: Песни | Добавил: Anzoria (08.07.2008)
|
| Просмотров: 253
| Рейтинг: 0.0/0 | |
|  |
 | |  |
|
| Статистика |
Онлайн всего: 1 Гостей: 1 Пользователей: 0 |
|